Адыгэ гуф1эгъуэ 1энэм нэхъыжь 1ыхьэу мак1уэ мэлым и блэгъумрэ щхьэщ1элъэныкъуэ ижьымрэ. Щхьэщ1элъэныкъуэр нэхъыжь 1ыхьэ щ1эхуам хъыбар гъэщ1эгъуэн и1эщ. Абы къызэрыхэщымк1э, адыгэхэмрэ кърым тэтэрхэмрэ сытым щыгъуи зэбийуэ щытакъым, я зэхуакум зэныбжьэгъугъэ щыдэлъ, щызэрылъагъу, щызэк1элъык1уэ хэтащ. Зэгъусэу зек1уэ щык1уи, зэблагъэ щыхъуи къыхэк1ащ. Уеблэмэ, зэгуэр адыгэхэр Кърым щ1ыналъэми щыпсэуауэ зытхи щы1эщ. Тхьэм щхьэк1э жып1энкъэ, щызэщыхьэр, щызэбиийри мащ1этэкъым, Кърым пащтыхьыгъуэм нэхъ зиужьыху, къару нэхъ игъуэтыху абы и хъанхэр я гъунэгъу адыгэхэмк1э еплъэк1ырт, ахэр я жьэуаз щ1агъэувэным, ди щ1ып1э берычэтхэр, дахэхэр яубыдыным, адыгэр къагъэ1урыщ1эным ехъуапсэрт. Къызэра1уэтэжымк1э, зэгуэрым зы адыгэ пщы гуэр щыхьэщ1эт Кърым хъаным деж. Хъаным пщым къытрикъузэрт, адыгэхэр и жьэуазым къыщ1эувэну, ауэ адыгэр арэзы хъуртэкъым. Да1уэмэ зэрынэхъыф1ыр жи1эщ, адыгэм я «Хьэуэ» псалъэр зэхихри, хъаныр хуабжьу губжьащ. Абы унафэ ищ1ащ адыгэ жы1эмыда1уэхэм езым и 1энэм тр...
Комментарии
Отправить комментарий